Jump to content

Елэн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Елэн
Елэн
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Хордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
Лъэпкъ: Дзыдзэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Vormela
ЛӀэужъыгъуэ: Елэн
Латин цӀэр
Vormela peregusna Güldenstädt, 1770


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Елэн ( лат-бз.: Vormela peregusna, ур-бз.: Перевязка) — шэрыпӀ псэушъхьэ, дзыдзэ лъэпкъым ящыщ. КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, Азиэ КъуэхьэпӀэмрэ Курытымрэ щопсоу.

И сурэткӀэ елэныр губгъуэ дзыдзэм ехьч, ауэ нэхъ цӀыкӀу щыт. И кӀыхьагъыр см 29-38 мэхъу кӀапэр хэту. Инхэм я хьэлъагъыр г 370-730 мэхъу. Адрей псэушъхьэ я лъэпкъым хэтхэм елъытамэ елэнхэм я хъухэри я бзыхэри зэхуэдиз, я инагъкӀэ зэшъхьэщыкӀхэкъым. Я кӀыфэр псыгъуэ кӀыхьу щыт, лакъуэхэр кӀэкӀыу, дзыдзэ псоми хуэду. КӀыфэм ишъхьэмкӀэ гъуабджэ-кӀынфӀу щыт, гъуэжь хэпхъауэ. И кӀагъымкӀэ фӀыцӀу щыт. Я нэӀур фӀыцӀэ хужьу зэхэлъ, хужьу я жэм ихъуреягъымрэ натӀэмрэ ирокӀуэ, яужкӀэ еху. Я тхьэкӀумэхэр иныфӀу щытхэ, кӀапэр бэлацэ.

Елэнхэм я шӀыпӀэр Еуропэм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмрэ Азиэмрэ. Балкан хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ Азиэ КъуэхьэпӀэм носыр (Аравий хы тӀыгуныкъуэр хэмыту), Урысейм ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ хокӀыр, Китаймрэ Монголымрэ я ишъхърэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм нэс макӀуэ. Елэнхэр шӀыпӀэ нэхъ гъушъэхэм щопсоухэр , жыг здэщымыӀэ губгъуэхэм, пшахъуалъэхэм. ЗэзэмызэкӀэ удзкӀэ зэхэкӀа джабэ лъэныкъуэхэми щалъагъухэр. МакӀыу а псэушъхьэхэр къушъхьэхэми щагъуэтхэр м 3 000 лъэгапӀэхэм. Ди лъэхъэнэ къэкӀуэкӀым елэн куэдхэр санэхухадэхэм, паркхэм, хьаблэхэми щопсоухэ.

Я псоукӀэмкӀэ елэнхэр губгъуэ дзыдзэхэм яхьч. Нэхъ я фӀэфӀыр бджэхьэшъхьэмрэ джэщымрэ, макӀыу махуэхэм мэшъакӀуэхэ. И нэхъыбэм махуэр гъуэм ису ягъакӀуэ. Гъуэр иэ езыхэм къыратӀыкӀ иэ пэмыкӀ псэушъхьэхэм къагъэнауэ ягъуэтхэм иотӀысхьэхэ. Я гъашъэр зэрызу мэпсохэ, щы зэпыхьэнум идежь мыхъумэ. ШӀыпӀэ яубыдхэр зэхэхьэуи мэхъу ауэ ар зэпаубыду абы шъхьэкӀэ зэзау щыхъухэр макӀэ, и нэхъыбэм зэрмылъагъу, зэпэкӀэмыху псоун къыхаху. Згуэрэ къыщытеуэкӀэ иэ лыгъэ гуэрэ къыщыхъумэ и цыр еӀэтри и кӀапэр игупэмкӀэ егъазэ, абы ифэм къытеуам къыгуригъэӀуэн шъхьэкӀэ зэран зэрхуэхъуфынур. Ахэм мыхьэнэ къамыхьмэ елэным и кӀапэ кӀагъым къыреутхыкӀ мэ Ӏэй зиӀэ псы.

Елэнхэр шӀым зэршъакӀуэм хуэдэ къабзу, я лъэкъутӀым теувэху нэхъыфӀу заплъыхьын шъхьэкӀэ, жыгхэми дэпшеурэ мэшъакӀуэфхэр. Ауэ и нэхъыбэм зэрышъакӀуэр дзыгъуэхэм я гъуэхэм ипшъхьурэ. Зэ шъакӀуэхэр дзыгъуэхэм, жумэрэнхэм, жумэрэн гъуабджэхэм, бзухэм, щындырхъуэхэм, цӀывхэм.

Елэным и псэфыныр мазэ пшъыкӀузым носыр, ар зытеухуар и яйцеклетка хур зыхэхьэр япэ шъыкӀэ «зегъэпсэху» яужым зэфӀэувэн кӀедзэ. Щылъхуэм идежь елэным зым къыщыкӀэдзауэ блым нэгъунэ шыр къыихьыфэну (нэхъыбэм плъы-тху къэлъху). Шырхэр цӀыкӀу Ӏэуэ, нэфу къохъухэ ауэ кӀэх хохъуэхэ, зы мазэ текӀа яуж бызышэр къагъанэ. Бзыхэм я Ӏэплъэпкъыр щызэфӀэувэр мэзищ щырикъум идежь, хъухэм илъэс щырикъум. Къагъэшъым шъхьэкӀэ яшъэр макӀэ ауэ ӀэрыпӀу яӀыгъхэр илъэсибгъу хуэдиз къагъашъэ.

pFad - Phonifier reborn

Pfad - The Proxy pFad of © 2024 Garber Painting. All rights reserved.

Note: This service is not intended for secure transactions such as banking, social media, email, or purchasing. Use at your own risk. We assume no liability whatsoever for broken pages.


Alternative Proxies:

Alternative Proxy

pFad Proxy

pFad v3 Proxy

pFad v4 Proxy